АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ПРОЛЕТАРСКЭ КЪУАЖЭМ ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ ПАЩТЫХЬ ШЭНТИУЭ МАХУЭШХУЭР

22.07.2024
Просмотры: 1100

2024 гъэм бадзэуэгъуэм и  21-м, Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и махуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щриъэкIуэкIащ КъБР-м и Пролетарскэ къуажэм и Къэзан члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием Налшык щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин, члисэм и унафэщI щоджэн Калинин Евгений, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр.

ХъыбарыфIхэм къеджа нэужь Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, Тхьэм и Анэр игъэлъэпIащ икIи екIуэлIапIэмм кIуэхэм епсэлъащ.

 

 

1100
Фотогалерея