ЧЕРКЕССК ЩЫIУЩIАЩ ТХЬЭМ И АНЭМ И КЪЭЗАН ТХЬЭНАПЭМ

07.07.2024
Просмотры: 759

2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 6-м Черкесск къалэм и Никольскэ соборым къашащ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэр. ЛъапIэныгъэм IущIащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Къэрэшей-Шэрджэсым и щоджэнхэм я гъусэу. ЗэIущIэм хэтащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и унафэщI Иванов Александр. ЛъапIэныгъэм я щхьэр хуагъэщхъащ фIэщхъуныгъэ зиIэ цIыху 1000-м.

Урысейм и къалэхэм тхьэнапэр яшэ Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ, текIуэныгъэм папщIэ урысейпсо тхьэлъэIум хыхьэу. Блыщхьэ хъуху лъапIэныгъэр Черкесск щыIэнущ. Пщэдджыжьым а махуэм тхьэлъэIу литургиер Къэрэшей-Шэрджэсым и Никольскэ соборым щригъэкIуэкIащ архиепископ Феофилакт.

759
Фотогалерея