КИСЛОВОДСК щекIуэкIащ унагъуэхэм я ПАРАД

06.07.2024
Просмотры: 391

Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэр гъэлъэпIэным хыхьэу, 2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 6-м Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм къыщызэIуахащ «История. В кругу семьи» сурэт гъэлъэгъуэныгъэр. Ар щекIуэкIащ «Семья — залог мира» скульптурэм деж. Кисловодск а лэжьыгъэр тыгъэ къыхуищIащ псапащIэ Заренков Вячеслав.

Выставкэм лъабжьэ хуэхъуащ кисловодскдэсхэм я тхыдэр, илъэс 50 е нэхъыбэ хъуауэ зэбгъэдэс зэщхьэгъусэхэм, Урысейм и цIыху цIэрыIуэхэм.

Махуэшхуэм хэтащ Кисловодск Думэм и унафэщI Волошинэ Любовь, къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Середкинэ Татьянэ, унагъуэр, анагъэр, сабиигъуэр хъумэнымкIэ комиссэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Акименкэ Сергий, Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и «Жаворонушки» ансамблыр. Гимназием и гъэсэнхэм махуэшхуэ концертыр къызэIуахащ Резник Илья и «Друг друга храните во все времена…» унагъуэ гимнымкIэ.

Сергий къалэ-зыгъэпсэхупIэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи къыхигъэщащ унагъуэхэм насыпрэ мамырыгъэрэ илъмэ, дуней псоми зэрыщыIэнур. Унагъуэ псоми лъагъуныгъэ, мамырыгъэ, зэгурыIуэ щахъумэну къыхуриджащ щоджэным. Гимназием и гъэсэнхэм зыкъагъэлъэгъуащ, унагъуэхэр уэрамым ирикIуащ.

 

391
Фотогалерея