Школ лагерым и гъэсэнхэр хагъэгъуэзащ СВО-м и лIыхъужьхэм

28.06.2024
Просмотры: 290

2024 гъэм мэкъуауэгъуэм и 26-м Черкесск къалэм и  «Центр образования № 11» МБОУ-м и гъэсэнхэр щыIащ Никольскэ члисэм ТхыдэмкIэ и музейм. Струговцев Денисрэ Гурин Александррэ сабийхэм музейм зыщрагъэплъыхьащ. ЕджакIуэхэм япэщIыкIэ зыхагъэгъуэзащ «Специальная военная операция» плIанэпэм, музейм щIэлъ нэгъуэщI хьэпшыпхэм.

Сабийхэм псори яфIэгъэщIэгъуэнт. УпщIэ куэд ятащ. Лъахэм теухуа щIэ куэд къащIащ, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм ятеухуахэри къызэщIиубыдэу. «Орлята России» IуэхущIапIэр къадэIэпыкъуащ зэхыхьэр къызэрагъэпэщынымкIэ, «Движение первых» урысейпсо зэщIэхъееныгъэм хыхьэр.

290