ЕПАРХИе КУРСхэм ЭКЗАМЕНхэр и кIэм щынагъэсащ

17.06.2024
Просмотры: 468

2024 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэмкIэ экзамен ятащ Пятигорск епархием и богословскэ-катехизатор курсхэм папщIэ. Пятигорск и къудамэм и еджакIуэ 20-м экзаменхэр ятащ ЛитургикэмкIэ, ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэмкIэ. Троицэ махуэшхуэм илъэсищ курсыр къэзыуххэм иратыж абы зэрыщеджам щыхьэт техъуэ тхылъыр. Экзаменхэр Iызыхахэм зэрыжаIамкIэ, курсым и унафэщI щоджэн нэхъыжь Симанович Олег я пашэу, еджапIэр къэзыуххэм щIэныгъэ зэрабгъэдэлъыр къагъэлъэгъуащ.

468
Фотогалерея