Щоджэныр дзэм ираджэхэм ехъуэхъуащ

11.06.2024
Просмотры: 720

Пятигорск и Пост № 1-м деж щагъэлъэпIащ «Дзэм ираджэхэм я махуэр».

Зэхыхьэм щызэхуэсащ хьэщIэ лъапIэхэр, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр, ветеранхэм я советым и лIыкIуэхэр, сэлэтхэм я анэхэм я оргкомитетыр, администрацэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр, дзэм ираджэхэр, къалэм и курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэр, студентхэр.

Махуэшхуэм хэтхэм зыхуагъэзащ Пятигорск, Лермонтов, Кисловодск къалэхэм я дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэр, УФ-м и Лъэпкъ гвардием щыщхэр, Пятигорск къалэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр, хьэщIэ лъапIэхэр. 

Пятигорск епархием и цIэкIэ дзэм къулыкъу щызыщIэнухэм ехъуэхъуащ IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн Хлынов Кирилл.

 

720