ПАСТЫРЬ нэхъыщхьэм дамыгъэ лъапIэр иритащ члисэм

05.06.2024
Просмотры: 735

Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Пятигорск епархием и унэм щригъэблэгъащ Урысей МВД-м КИФЩI-м щиIэ къудамэм полицэм и половник Бачурин Сергей. Пастыр нэхъыщхьэмрэ Сергейрэ тепсэлъыхьащ МВД-м и управленэ нэхъыщхьэм федеральнэ округым и деж щылажьэ Жылагъуэ советым хыхьэу зэрызэдэлэжьэнум. Архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ Пятигорск епархием и екIуэлIапIэхэм я дэIэпыкъуэгъуу, и махуэм ирихьэлIэу, Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл Бачурин Сергей тыгъэ хуищIащ Урыс Чристэн Члисэм и дамыгъэ лъапIэр – щихъ Донской Димитрий и орденым и ещанэ нагъыщэр.

Щихънагъым хьэщIэм дамыгъэ лъапIэр иритащ, и къулыкъур ехъулIэныгъэхэр иIэу ирихьэкIыну зыхуигъэзащ, IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм мамырыгъэ, зэфIэкI яIэну.

 

735