Сабий 200 щIигъу щызэхуэсащ махуэшхуэм члисэ пщIантIэм

04.06.2024
Просмотры: 377

2024 гъэм мэкъуауэгуъэм и 2-м Пятигорск къалэм и Смоленскэ члисэм щекIуэкIащ сабий махуэшхуэ. Абы щызэхуэсащ члисэхэм я тхьэмахуэ школхэм я гъэсэн 200-м щIигъу. Махуэшхуэр къызэIуихащ Пятигорск округым и щоджэн нэхъыжь благочиннэ Симанович Олег, сабийхэм, адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм IутIыж махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуар. Щоджэным абыхэм захуигъэзащ фIыуэ загъэпсэхуну, тхьэмахуэ школхэм я унафэщIхэми фIыщIэ яхуищIащ я лэжьыгъэхэм папщIэ.

Квестым хыхьэу, спорт, акъылыфIагъэ зэфIэкIхэр къэбгъэлъэгъуэн хуейт. КъызэгъэпэщакIуэхэм квестым и лэжьыгъэхэр члисэм щащIащ, Спасскэ соборым и волонтёр 30-м щIигъу, щоджэн Копач Петр и нэIэм щIэтахэр гупым ядэIэпыкъуащ кроссвордыр ящIынымкIэ.

Волонтёрхэр, Iуэхум хэтхэр, сабийхэр къызэдэфащ. Зэхыхьэ нэужьым Смоленскэ члисэм и унафэщI щоджэн Глухов Николай ахэр игъэхьэщIащ.

 

377
Фотогалерея