АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ КъБР-м и Iэтащхьэм IущIащ

03.06.2024
Просмотры: 513

2024 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м, Налшык къалэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт щыIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Зэхыхьэм хэтхэр тепсэлыъхьащ чристэн IуэхущIапIэхэм я чристэн зэгухьэныгъэхэм.

Пастыр нэхъыщхьэм КIуэкIуэ Казбек жриIащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъур, жыгыщIэхэр екIуэлIапIэхэм зэрыщагъэтIысыр, «Сады кавказа» Iуэхум хыхьэу.

ЗэIущIэм хыхьэу архиепископ Феофилакт КIуэкIуэ Казбек тыгъэ хуищIащ Дунейпсо урыс цIыхубэ соборым и щIыхь тхылъыр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ВРНС-м и къудамэр Налшык къыщызэIуахащ 2023 гъэм фокIадэм и 13-м.

А махуэм Щихънагъым Патриаршэ щIыхь тхылъыр иритащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, мамырыгъэр хъумэным, щIыналъэм ис лъэпкъхэр зэгурыIуэным илъэс куэд хъуауэ зэрытелажьэм папщIэ.

 

513
Фотогалерея