БЛАГОЧИННэр къыщыпсэлъащ класс нэхъыжьхэм щIэсхэм я адЭ-анэхэм я пащхьэм

28.05.2024
Просмотры: 710

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм я пэ къихуэу адэ-анэхэм я зэхуэс щызэхэтащ Карачаевск къалэм и школ №3-м.

Адэ-анэхэм я зэхуэсым къыздаша класс нэхъыжьхэм щIэсхэм гу лърагъэтащ гъуэгу хабзэхэр нэхъри къызэпауд зэрыхъуам.

Къэпсалъэхэр къытеувыIащ балигъыпIэ имыува, тхылъ зимыIэ ныбжьыщIэхэм машинэ зэрызрагъакIуэм, гъуэгу хабзэхэр къызэрызэпаудым, абы теухуа тезыр зэрырагъэпшынынум.

Зэхуэсым и лэжьыгъэм КъШР-м и Жылагъуэ палатэм и комиссэм социальнэ политикэмкIэ, унагъуэр, сабийхэр хъумэнымкIэ, ветеранхэм ядэIэпыкъунымкIэ и унафэщI Атэбий Маринэ иригъэбагъэри хэтащ Пятигорск  епархием и Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и багочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений.

710