Кавказыр Тхьэм игъэтIыса, яхъумэну, кIэлъыплъыну къалэн щищIа жыг хадэ гъагъэщ. Тхьэм ар тыгъэ яхуищIащ лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу цIыху гуапэхэм, хьэщIэкIэ фIыхэм.
IутIыж махуэхэм Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт саугъэт къыхуашащ – жыгыщIэ 1000. Щихънагъым ар Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым и екIуэлIапIэхэмрэ къулъшырыфхэмрэ яхуигуэшащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ, Ставропольем щыбэгъуэнущ Кавказым и жыг хадэхэр, нэр ягъэдахэу.
«Кавказыр зы жыг хадэшхуэу ирещIэращIэ, пхъэщхьэмыщхьэ бэв къыпыкIыу, хьэщIэхэр, ныбжьэгъухэр иридгъэхьэщIэу», - жиIащ архиепископ Феофилакт жыгыщIэхэр щаритым.