Черкесск Тхьэ щелъэIуащ Суворов Александр папщIэ

23.05.2024
Просмотры: 559

2024 гъэм накъыгъэм и 19-м Черкесск и Никольскэ соборым ягу къыщагъэкIыжащ Суворов Александр. Александр и псэр зэгъэн папщIэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ. Щоджэн Гурин Александр фIэщхъуныгъэ зиIэхэм яхутепсэлъыхьащ абы и гъащIэм, зэрихьа лIыгъэм, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм ар зыщамыгъэгъупщэнуи къыхуриджащ.

Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм «Зелёный остров» паркым щоджэным дерс щадригъэкIуэкIащ. Дзэзешэхэм я гъащIэм теухуа куэд ныбжьыщIэхэм абы къыщащIащ, Суворов Александри хыхьэу.

559
Фотогалерея