МАХУЭШХУЭМ ЯПЭУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУАЩ САБИЙ ХОРЫМ

22.05.2024
Просмотры: 571

2024 гъэм накъыгъэм и 19-м, Черкесск и Покров члисэм IутIыж зэхыхьэ щекIуэкIащ. Махуэшхуэр къызэIуихащ члисэм и хор Нартовэ Еленэ зэригъакIуэм. Хорым игъэзэщIащ IутIыж уэрэдхэр. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм я пащхьэм япэу зыкъыщигъэлъэгъуащ Якушевэ Ксение зэригъакIуэ сабий хорым. Сабийхэм духовнэ гимнхэр ягъэзэщIащ, сабий уэрэд цIэрыIуэхэр щIыгъуу. Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр усэ къеджащ, Христос и цIэр зыгъэлъапIэхэм.

571
Фотогалерея