АЗЕРБАЙДЖАНЫМ ПАСТЫР НЭХЪЫЩХЬЭР ЩРАГЪЭБЛАГЪЭ

19.05.2024
Просмотры: 658

2024 гъэм накъыгъэм и 18-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ, Бакинскэ, Азербайджанскэ епархиер пIалъэкIэ зезыгъакIуэ Феофилакт Баку кIуащ. Пастыр нэхъыщхьэр Аллеем щыIащ, удз гъэгъахэр трилъахьащ Азербайджаным и пашэ Алиев Гейдар и къащхьэм икIи къагъэщIэрэщIэжа Бакинскэ епархием и япэ архиерей, архиепископ Александр (Ищеин) щыщIалъхьа щIыпIэр игъэнэхуащ.

А махуэм и пщыхьэщхьэм архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ Баку къалэм и соборым. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Бакинскэ епархием и управленэм и секретарь щоджэн нэхъыжь Свечников Дионисий, члисэхэм я  унафэщIхэм, Бакинскэ епархием и клирикхэм, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъыр ехъуэхъуащ махуэшхуэм хэтхэм Христос и махуэмкIэ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

658
Фотогалерея