IУТIЫЖЫР ЩАГЪЭЛЪЭПIАЩ КИСЛОВОДСК И ЧРИСТЭН ГИМНАЗИЕМ

16.05.2024
Просмотры: 797

Тхьэмахуэ нэхум Кисловодск къалэм и Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием щагъэлъэпIащ Христос и IутIыжыр. Блыщхьэ нэхур ирагъэжьащ гиманзием и гъэсэнхэр зыхэт тхьэлъэIу литургиекIэ. ТхьэлъэIу уэрэдхэр жиIащ гимназием и хорым.

IутIыж зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым Никольскэ соборым и унафэщI, гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн сабийхэм тыгъэ яхуищIащ IэфIыкIэхэр.

Гимназием махуэшхуэр щрагъэжьащ «Пасха! Победа!» концерт программэмкIэ. Залым щызэхуэсащ егъэджакIуэхэр, гимназием и гъэсэнхэр, адэ-анэхэр. Мы гъэм концертыр траухуащ Христос и махуэшхуэмрэ ТекIуэныгъэ Инымрэ.

Иоанн Христос и махуэшухэмкIэ ехъуэхъуащ гимназиер къызэзыгъэпэща, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. Абы къыхигъэщащ IутIыжым гуфIэгъуэ, фIэщхъуныгъэ, гугъэ къызэрыдэкIуэр, гуапагъэм зэрыхуигъэушыр икIи сабийхэр къыхуриджащ зэпымыууэ зэкъуэтыну, зыр адрейм дэIэпыкъуну, Тхьэм фIыщIэ хуащIыну.

IутIыж гуфIэгъэукIэ гъэнщIа махуэр IутIыж IэнэкIэ зэхуащIыжащ.

 

797
Фотогалерея