ЧРИСТЭН САБИЙ ГЪЭСАПIЭМ ЩАГЪЭЛЪЭПIАЩ IУТIЫЖЫР

15.05.2024
Просмотры: 631

Кисловодск къалэм Тхьэм и Анэм и «Скоропослушница» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ чристэн сабий гъэсапIэм тхьэмахуэ нэхум IутIыж махуэшхуэхэр щрагъэкIуэкIащ курыт, гуп нэхъыжьхэм. Адэ-анэхэмрэ хьэщIэхэмрэ сабийхэм теплъэгъуэхэр, уэрэдхэр, усэхэр хуагъэхьэзыращ. КъегъэлакIуэ Христос щагъэлъэпIащ зэхыхьэм. Сабийхэр ягъэджэгуащ, къагъэфащ.

Махуэшхуэр щиухым щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген сабий гъэсапIэм щыIэхэм тыгъэ яхуищIащ «Тайная вечерня» тхьэнапэр икIи яжриIащ абы и мыхьэнэр. Сабийхэм IутIыж саугъэтхэр иратащ.

 

631