«ПЭРЫТ» ГУПЫР ЯПЭУ СОБОРЫМ ЩЫIАЩ

15.05.2024
Просмотры: 688

ТекIуэныгъэ Иным и махуэм Красногорскэ станицэм и «Пэрыт» гупыр япэу щыIащ Черкесск къалэм и Никольскэ соборым. Члисэмрэ музеймрэ абыхэм зыщрагъэплъыхьащ щоджэн Гурин Александр.

Сабийхэм ягу ирихьащ «Специальная военная операция» выставкэр. Александр абыхэм яхутепсэлъыхьащ дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэм, хьэпшып лъапIэхэр яригъэлъэгъуащ. Никольскэ соборым екIуалIэхэм я лэжьыгъэхэм зыхагъэгъуэзащ, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм зэрадэIэпыкъум, Донбасс щыпсэу мамыр цIыхухэри хыхьэу.

Гупым я гъусащ «Пэрыт» гупым я унафэщI Щекинэ Иннэрэ станицэм и школым и унафэщIым и къуэдзэ Айбазовэ Розэрэ.

 

688