ЖЕЛЕЗНОВОДСК ЩАГЪЭНЭХУАЩ ПСЫКЪУИЙР

13.05.2024
Просмотры: 1147

2024 гъэм накъыгъэм и 12-м Железноводск къалэ-зыгъэпсэхупIэм Покров члисэм деж щыщIэдзауэ «Славянская», «Смироновская» галереехэм нэс IутIыж зэгъусэ тхьэлъэIур щекIуэкIащ.

Пятигорск епархием и Минераловодскэ округым и щоджэнхэм, къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ я зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий.

Щоджэнхэм тхьэлъэIу уэрэдхэр жаIащ, къалэ администрацэм и лIыкIуэхэмрэ благочиннэмрэ зэгъусэ тхьэлъэIум хэтхэм Христос и IутIыжымкIэ ехъуэхъуащ.

 

 

1147
Фотогалерея