IУТIЫЖ ЗЭГЪУСЭ ТХЬЭЛЪЭIУР ПЯТИГОРСК ЩЕКIУЭКIАЩ

13.05.2024
Просмотры: 1154

2024 гъэм накъыгъэм и 12-м, IутIыжым и етIуанэ тхьэмахуэм, апостол Фомэ ейм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я  архиепископ Феофилакт Пятигорск къалэм и Михайловскэ соборым тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и щоджэнхэм Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэр, зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэр.

Литургие нэужьым Щихънагъым щIыхь тхылъхэр яритащ тхыдэ соборым и лэжьакIуэхэмрэ абы екIуалIэхэмрэ. Абы ящыщщ Стадниченкэ Георгийрэ Валентинэрэ, илъэс 65-рэ хъуауэ зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэр.

ТхьэлъэIу нэужьым архиепископ Феофилакт IутIыж зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. ТхьэлъэIум хэтащ къалэм и Iэтащхьэ Ворошилов Дмитрий, къэзакъхэм атаман Савченкэ Владимир я пашэу, псыхуабэдэс цIыху 1500-м щIигъу, къалэм и хьэщIэхэр.

IутIыж зэгъусэ тхьэлъэIур XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм щрагъэжьащ Царскэ уэрамым (иджы Кировым и цIэр зезыхьэ проспектым) икIи ар яублэжащ Пятигорск епархиер къыщагъэщIэрэщIэжым.

IутIыж тхьэлъIукIэ Спасскэ кафедральнэ соборым и дэкIуеипIэм щызэхуащIыжащ а тхьэлъэIур. Пастыр нэхъыщхьэм, къалэм и Iэтащхьэм, атаманым зэгъусэ тхьэлъэIум хэтхэм хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ. Махуэшхуэ концерт къызэрагъэпэщащ.

 

1154
Фотогалерея