АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ЛИТУРГИЕ ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ ГОРНОЗАВОДСКЭ КЪУАЖЭМ И ЧЛИСЭМ

12.05.2024
Просмотры: 888

2024 гъэм накъыгъэм и11-м, тхьэмахуэ нэхум и щэбэтым, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Горнозаводскэ къуажэм и члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Новопавловскэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн Гордин Александррэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ.

Архиепископ Феофилакт камилавкэр зэрихьэну хуит ящIащ щоджэн Линов Михаил.

Литургие нэужьым Щихънагъым тхьэлъэIур, зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ  икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

888
Фотогалерея