АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ЛИТУРГИЕ ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ ЕТIЭКЪУЭ КЪУАЖЭМ И ЧЛИСЭМ

10.05.2024
Просмотры: 897

2024 гъэм накъыгъэм и 9-м, тхьэмахуэ нэхум и махуэкум, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ ЕтIэкъуэ къуажэм и Покров члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием Лермонтовэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фаустов Константинрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

 

897
Фотогалерея