ПЯТИГОРСК ЩЕКIУЭКIАЩ «ПАСХАЛЬНАЯ РАДОСТЬ» ФЕСТИВАЛЫР

10.05.2024
Просмотры: 749

Пятигорск сабий творчествэмкIэ и унэм гъубжым щекIуэкIащ «Пасхальная радость» фестивалыр. Абы хэтащ курыт еджапIэхэмрэ тхьэмахуэ школхэмрэ я еджакIуэхэр, къалэм и сабий гъэсапIэхэм щыIэхэр.

Фестивалыр къызэIуихащ Пятигорск округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Симанович Олег, зэхуэсахэм гуфIэгъуэр нэхъыбэрэ я гум щахъумэну захуигъазэри.

Сабийхэм уэрэдхэр жаIащ, усэ къеджащ.

 

 

 

749