УНАГЪУЭХЭМРЭ САБИЙХЭМРЭ Я IУТIЫЖ ЗЭХЫХЬЭР ПЯТИГОРСК ЩЕКIУЭКIАЩ

08.05.2024
Просмотры: 1012

2024 гъэм накъыгъэм и 7-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт щоджэнхэм я унагъуэ IутIыж зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ. Мы гъэм зэхыхьэр щIэщыгъуэу къызэрагъэпэщащ. Абы япэу ирагъэблэгъащ Пятигорск епархием и щоджэнхэм я бынхэр. Хабзэ зэрыхъуауэ зэхыхьэр тхьэлъэIукIэ ирагъэжьащ.

ХьэщIэ ныбжьыщIэхэм папщIэ нэгузыужь программэ къызэрагъэпэщащ. Балигъхэм Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ, хъуэхъуащ, уэрэд жаIащ.

КъБР-м и Май къалэм и Михайловскэ члисэм и унафэщIхэм, щоджэн нэхъыжь Волошин Димитрийрэ КъШР-м и Усть-Джегуты къалэм и Михайловскэ члисэм и щоджэн нэхъыжь Петров Александррэ архиепископ Феофилакт иритащ щихъ Саровский Серафим и орденым и медалхэр.

 

1012
Фотогалерея