АРХЫЗ ИЩХЪЭРЭМ ЩЫIАЩ НИКОЛЬСКЭ СОБОРЫМ И ЩIАЛЭГЪУАЛЭР

06.05.2024
Просмотры: 785

2024 гъэм мэлыжьыхьым и иужьрей махуэхэм Черкесск къалэм и Никольскэ соборым и «Соборяне» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр щыIащ Архыз Ищхъэрэм и щIыпIэ лъапIэхэм. ТхьэлъэIум хэтхэр дэкIащ КъегъэлакIуэ Христос и мыIэрыщI теплъэм. Абдеж тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ гупым я гъуса щоджэн Гурин Александр.

ЗыплъыхьакIуэм и пэ къихуэу Архыз Ищхъэрэ къалэм КъегъэлакIуэм и мыIэрыщI теплъэм и члисэмрэ Тхьэм и Уэхьий Илья и цIэр зезыхьэ члисэ Архыз Ищхъэрэм щыIэмрэ иеромонах Елевферий (Казаков) щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм Кавказ Ищхъэрэм и чристэн диным щыхутепсэлъыхьащ. ЗыплъыхьакIуэ нэужьым зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

785