ФIЭЩХЪУНЫГЪЭ ЗИIЭХЭМ ХРИСТОС И IУТIЫЖЫМКIЭ ЕХЪУЭХЪУАЩ

05.05.2024
Просмотры: 904

Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэр, Ставропольем, КъБР-м, КъШР-м я Iэтащхьэхэр чристэн фIэщхъуныгъэ зиIэхэм ехъуэхъуащ.

«ФIэщхъуныгъэм и нэхур, гущIэгъур, гъунэгъум дэIэпыкъуныр – аращ а махуэм цIыхухэм я гур щыз зыщIыр, лъапIэныгъэхэр къэзыгъэщIэрэщIэжыр, зэгурыIуэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ зыгъэбыдэр», - къыхигъэщащ Чайкэ Юрэ и хъуэхъу тхыгъэм.

«ГъащIэм и къэщIэрэщIэжыныгъэм и дамыгъэщ ар икIи лъапIэныгъэхэр уигу къэзыгъэкIыжщ, цIыхухэр зэкъуэзыгъэувэщ. Гъунэгъум дыдэIэпыкъуным, гуапагъэ щIэным, пэжыр япэ игъэщыным  сыт щыгъуи дыхущIэкъун хуейщ.

«Республикэм и чристэнхэм я IуэхущIафэ дахэхэр, цIыхухэм я зэгурыIуэныгъэр зыгъэбыдэхэр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.

«Мы махуэшхуэм дэтхэнэми фи гум хуабагъэ илъыну, насып, фи хъуэпсапIэхэр къывэхъулIэну сынывохъуэхъу! Махуэшхуэм дэтхэнэми фи унэм фIыгъуэ, зэгурыIуэ, зыужьыныгэ къыфхуихьыну!», - жеIэ Темрезов Рашид.

ФIэщхъуныгъэ зиIэхэм ехъуэхъуащ Пятигорск епархием и Iэгъуэблагъэм щыIэ  къалэхэм, къуажэхэм, районхэм, станицэхэм я Iэтащхьэхэр.

 

 

904