БЛАГОЧИННЭМ ЗЭIУИХАЩ ЩЭНХАБЗЭ ФЕСТИВАЛЫР

30.04.2024
Просмотры: 724

2024 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м и школ №5-м кадет класс Губиным и цIэр зезыхьэм къалэм «Свет доброты» и щэнхабзэ фетивалыр щекIуэкIащ. Ирагъэблэгъа хьэщIэхэм ящыщт ЕссэнтIыгу округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Фестивалым хэтахэм фIэхъус ярихащ школым и унафэщI Гусев Владимир.

Школхэм я пэщIэдзэ классхэм я еджакIуэхэм я творческэ проектхэр кIуэцIрагъэкIащ, я лэжьыгъэхэр ягъэлъэгъуащ. Фестивалыр къыщызэIуихым, благочиннэм архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэр ялъигъэIэсащ, еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ ехъулIэныгъэхэр яIэну ехъуэхъуащ. Зэхуэсыр къызэригъэпэщащ ОРКСЭ-мкIэ егъэджакIуэхэм я къалэ методикэ зэгухьэныгъэм.

 

724