ТХЬЭМАХУЭ ШКОЛЫМ И ГЪЭСЭНЫР ЕПСЭЛЪАЩ СОЦИАЛЬНЭ IУЭХУТХЬЭБЗЭХЭР ЩЫХУАЩIЭ ЦЕНТРЫМ И ГЪЭСЭНХЭМ

30.04.2024
Просмотры: 626

Мы махуэхэм Новопавловск къалэм и Петропавловскэ члисэм и тхьэмахуэ школым и егъэджакIуэ Бережнов Александр IущIащ цIыхухэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ центрым екIуалIэхэм. Лазар теухуа Инджыл къэхъугъэм тепсэлъыхьащ, Верб тхьэмахуэм и мыхьэнэмрэ ар къызэрыунэхуамрэ къытеувыIащ, чристэн дэтхэнэми и гъащIэм и къэхъугъэ нэхъыщхьэм – IутIыжым, Христос и тхьэмахуэ нэхум тепсэлъыхьащ. ЗэIущIэм хэтахэр гупсэхуу абыхэм едэIуащ, упщIэхэр ятащ, ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм, чристэн хабзэхэм.

 

626