БАХЪСЭН ЩАГЪЭНЭХУАЩ КУПОЛ ЦIЫКIУХЭМ ФIЭЛЪ ЖОРХЭР

25.04.2024
Просмотры: 889

Тхьэм и Анэм и Похвала махуэшхуэм Бахъсэн къалэм щаухуэ члисэм и куполитхум я жорхэр щагъэнэхуащ. Зы жорыр щагъэуващ уэзджынэм и куполым.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, купол нэхъыщхьэм и жорыр гъэнэхун къулыкъур 2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м ищIащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архипископ Феофилакт щоджэнхэм, екIуэлIапIэм кIуэхэм, хьэщIэхэм я гъусэу. Жорыр купол нэхъыщхьэм дыгъэгъазэм и 4-м фIадзащ. Адрей жориплIыр лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсмэ фIадзэнущ.

 

889