КЪУДАМЭМ И УНАФЭIЩЫР ХЭТАЩ АТАМАНХЭМ Я СОВЕТЫМ

18.04.2024
Просмотры: 1158

ТВКО-м и ухуэныгъэщIэм щекIуэкIащ Тэрч къэзакъыдзэм и атаманхэм я Совет. Абы хэтащ Пятигорск епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Абы Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэр псоми ялъигъэIэсащ.

ЗэIущIэм и пэ къихуэу Тхьэ елъэIуа нэужь, урысейпсо къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Кузнецов Виталий къэзакъхэм гу лъаригъэтащ Аравийскэ тхьэнапэ ТекIуэныгъэ къэзыхьа Георгий и цIэр зезыхьэм, конференц пэшыр зыгъэдахэм. Афон бгы лъапIэм кърахам тращIыкIащ ар – дзэм УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий тыгъэ къыхуищIащ. Къэзакъхэр – Христос и зауэлIхэр –ТекIуэныгъэ къэзыхьа Георгий – станицэдэсхэм пщIэ нэхъ зыхуащI щихъхэщ.

Тэрч къэзакъыдзэм нобэ и къалэн нэхъыщхьэр – дзэ Iуэху хэхам щыIэ къэзакъхэм ядэIэпыкъунырщ. Аращ зыубгъуауэ щIытепсэлъыхьар гуманитар дэIэпыкъуныгъэ IутIыжымрэ накъыгъэм и 9-мрэ ирихьэлIэу зэфIагъэкIынухэм. Махуэшхуэхэм ирихьэлIэу члисэхэмрэ щIыналъэм и Iэгъуэблагъэхэмрэ къэзакъхэм я нэIэ тетынущ, зэпымыууэ зэрыщытам хуэдэу.

Тэрчхэм ящыщ куэд иджыпсту дзэм щыIэщ. Абыхэм я пIэм иувэнухэри къащIохъуэ. Къэзакъ щIалэгъуалэр жыджэру хэтщ дзэм и зэхыхьэхэм, полицэм и лэжьакIуэхэми ядоIэпыкъу шынагъуэншагъэ къэмыгъэхъуным и IуэхукIэ. ЩIалэгъуалэмрэ къэзакъхэмрэ – дзэ Iуэху хэхам хэтахэм я гъусэу ТекIуэныгъэ Иным и парад накъыгъэм и 9-м КИФЩI-м и къалэ нэхъ инхэм щызэхэтынум хэтынущ.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Тэрчыдзэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и ЕссэнтIыгу къудамэр къызэрагъэщIэрэщIэжрэ илъэс 35-рэ зэрырикъум.

ЗэIущIэр щиухым дзэ щоджэн, щоджэн нэхъыжь Самойленкэ Павел къэзакъхэм фIыщIэ яхуищIащ дзэм и гъащIэр къызэрагъэщIэрэщIэжым папщIэ, Ставропольрэ Невинномыскрэ я митрополит Кирилл и хъуэхъухэр ялъигъэIэсащ. Тхьэм и фIыгъэкIэ дзэр зэрефIэкIуэнумрэ зэрызиужьынумрэ къыхигъэщащ и псалъэм.

 

 

1158