ЧЛИСЭМ МАСТЕР-КЛАСС ЩЕКIУЭКIАЩ

17.04.2024
Просмотры: 575

ЕссэнтIыгу къалэм и Никольскэ члисэм мастер-класс щекIуэкIащ «Свет надежды» гупым и волонтёрхэм къызэрагъэпэщри. Абыхэм жаIащ маскировочнэ сетхэр зэрагъэхьэзырыр, абы папщIэ сыт хуэдэ пкъыгъуэхэр къагъэсэбэпми, плъыфэхэмрэ дамыгъэхэмрэ къызэрыхахым, ар нэхъыбэу къэщхьэпэн папщIэ. Мастер-класс нэужьым дэтхэнэми игъэхьэзыращ маскировочнэ сет мыин. Лэжьыгъэхэр фронтым ягъэхьынущ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм папщIэ. Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ хуащIащ абы хэтахэм.

575
Фотогалерея