УРЫСЕЙ ЧРИСТЭН УНИВЕРСИТЕТ ЩИХЪ БОГОСЛОВ ИОАНН И ЦIЭР ЗЕЗЫХЬЭМ 2024 ГЪЭМ БОГОСЛОВ, ЮРИСТ ФАКУЛЬТЕТХЭМ А IЭЩIАГЪЭХЭМ ЩЫХУЕДЖЭНУХЭР ИРЕГЪЭБЛАГЪЭ

15.04.2024
Просмотры: 1691

Урысей чристэн университет щихъ Богослов Иоанн и цIэр зезыхьэм 2024 гъэм къыхех а факультетым богослов, юрист IэщIагъэхэм  щыхуеджэнуххэр.

Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ Урысей чристэн университет щихъ Богослов Иоанн и цIэр зезыхьэм Урыс Чористэн Члисэм и IэщIагъэлIхэр егъэхьэзыр.

2024 гъэм богослов, юрист IэщIагъэхэм хуеджэнухэр мы унэтIыныгъэхэмкIэ къащтэ: къэрал члисэ зэхущытыкIэхэр, масс-медиа, юриспруденцэ.

ИлъэсиплIкIэ ирагъэджэнущ, бакалавриатыр къаухынущ.

ЕджапIэ нэужьым къэрал щапхъэ зиIэ диплом къратыжынущ.

Урыс Чристэн Члисэм и пщIэкIэ ахэр ирагъэджэнущ, ягъэпсэунущ, ягъэшхэнущ.

Студентым богослов щIэныгъэ семинар программэмкIэ ират, апхуэдэу ищхьэкIэ къыщытхьа унэтIыныгъэхэм языхэзкIэ.

Абы ущIэтIысхьэн папщIэ архиерейр абы арэзы техъуэн е ЕГЭ-р мы дерсхэмкIэ птауэ щытын хуейщ:

- Богословскэ факультет (бакалавриат): урысыбзэ, тхыдэ, обществознание/литературэ;
- Юридическэ факультет (бакалавриат): урысыбзэ, тхыдэ/инджылызыбзэ, обществознание.
 

 

1691