АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ КРАСНОГОРСКэ СТАНИЦэм тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ

15.04.2024
Просмотры: 514

2024 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м, нэщI иным и иужьрей щэбэтым Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Красногорскэ станицэм и Никольскэ члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Петров Александр, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къунэгъу къалэхэмрэ станицэхэмрэ щыщу Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр.

Литургие нуэжьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ.

 

514
Фотогалерея