Щоджэныр студентхэм яхутепсэлъыхьащ хьэл-щэным и хабзэхэм

31.03.2024
Просмотры: 855

2024 гъэм гъатхэпэм и 27-28-хэм Черкесск къалэм и Индустриально-технологие, Технологие колледжхэм студентхэр щыIущIащ чристэн, муслъымэн динхэм я лIыкIуэхэм. Гъунэгъум лъагъуныгъэ ухуиIэм, нэщIым и мыхьэнэм, хьэл-щэным и хабзэхэм студентхэм яхутепсэлъыхьащ къалэм и Никольскэ соборым и щоджэн Гурин Александр. ЕджапIитIым щыщ щIалэгъуалэр щIэупщIащ Краногорск къыщыхъуа терактым зэрыхущытым. Александр ахэр къыхуриджащ зэкъуэтыну, я лъахэр фIыуэ ялъагъуну, зым адрейм пщIэ хуащIыну, шыIэныгъэ яку дэлъыну, дэIэпыкъуну.

855