АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ЛИТУРГИе щригъэкIуэкIащ ГЕОРГИЕВСКэ цIыхубз къулъшырыфым

30.03.2024
Просмотры: 1212

2024 гъэм гъатхэпэм и 29-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт  Литургие щригъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу къалэм и Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыфым и Георгиевскэ члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан, къулъшырыфым и щоджэнхэм, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къулъшырыфым щыIэхэр, «София» екIуэлIапIэ-пансионатым и гъэсэнхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр.

ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи Предгорнэ районым и Iэтащхьэ Бондаренкэ Николай иритащ «За труды на благо Пятигорской епархии» медалым и етIуанэ нагъыщэр.

ИужькIэ архиепископ Феофилакт зыхигъэгъэузащ къулъшырыфым и собор нэхъыщхьэм и ухуэныгъэм.

1212
Фотогалерея