ЕПАРХИем и лIыкIуэр хэтащ жылагъуэ советым и зэIущIэм

27.03.2024
Просмотры: 578

2024 гъэм гъатхэпэм и 25-м Пятигорск епархием и архитектор икIи древнехранитель Чечин Олег хэтащ Ставрополь крайм и Жылагъуэ советым щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIэ и Управленэм и зэIущIэм.

2024 гъэм япэу зэхэта зэхыхьэм щыхэплъащ управленэм антимонопольнэ Iуэхум нэгъабэ къриубыдэу щагъэува хабзэхэр зэрагъэзэщIам, щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIэ управленэм и практикэм, коррупцэм пэщIэтынымкIэ IуэхущIапIэм зэфIигъэкIахэм, щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIэ нэгъабэ къехъулIахэм.

 

578