Щоджэным къыхуриджащ гъуэгу хабзэхэр къызэпамыудыну

25.03.2024
Просмотры: 696

2024 гъэм гъатхэпэм и 19-м Железноводск къалэм и Курортнэ паркым щекIуэкIащ «На СИМ безопасно колесим» Iуэхур. Абы хэтащ Покров члисэм и щоджэн Тарнакин Андрей. Гъуэгуавтоинспекцэм и лэжьакIуэхэм, жылагъуэм, самокатхэр тынымкIэ IуэхутхьэбзащIэм я лIыкIуэхэр я гъусэу, щоджэным къыхуриджащ гъуэгу хабзэр къызэпамыудыну, гъуэгум аварие къыщамыгъэхъуну. Iуэхум хэтахэм иратащ нэху зыдз наклейкэхэр.

696