АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ: «Инджылыр тхылъ нэхъыщхьэу къонэж»

15.03.2024
Просмотры: 859

2024 гъэм гъатхэпэм и 14-м, чристэн тхылъым и махуэм, Пятигорск къалэм Горькэм и цIэр зезыхьэ и библиотекэ нэхъыщхьэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт КИФЩI-м и къалащхьэм библиотекэм и лэжьакIуэхэм щыIущIащ. Зэхыхьэм кIуащ къалэм и члисэхэм екIуалIэхэр.

Пастыр нэхъыщхьэм и псалъэр триухуащ ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджэным и мыхьэнэм, Патриарх Кирилл и псалъэхэмрэ и щапхъэхэмрэ къихьу. «ЦIыхухэм иджыпсту упщIэ куэдым я жэуап къалъыхъуэу ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъым зыхуагъазэ. Мамыр гъащIэми тхылъ нэхъыщхьэу къонэж Инджылыр. Закладкэншэу хэчыхьауэ узэджэ хъуну тхылъщ ар», - жиIащ Щихънагъым.

Сыт хуэдэ гъэми хуэдэу, зэхыхьэм архиепископ Феофилакт упщIэ зыбжанэм жэуап щритащ. Хабзэ зэрыхъуауэ Щоджэн нэхъыщхьэм библиотекэхэм чристэн литературэхэр тыгъэ яхуищIащ.

 

859
Фотогалерея