УНАФЭЩIЫР КЪЫЩЫПСЭЛЪАЩ ФЭЕПЛЪЫР КЪЫЩЫЗЭIУАХЫМ

07.03.2024
Просмотры: 796

Исправнэ станицэм и школым къыщызэIуахащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда, Украинэм щыIа зауэлI Лебедев Владимир и фэеплъ. Урысейм и Президентым и унафэкIэ абы ЛIыхъужьыгъэм и орденыр хуагъэфэщащ, дунейм ехыжауэ. 

ЗэIущIэм хэтащ и щхьэгъусэр, сабийхэр, анэр, ныбжьэгъухэр, благъэхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, хьэщIэхэр. Школым фэеплъыр къыщызэIуахым къэпсэлъащ станицэм и члисэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр.

796