«АНЭХЭМ ПАПЩIЭ УНЭ» IУЭХУЩIАПIЭМ КЪЫЗЭРИГЪЭПЭЩАЩ «СЕМЬЯ – ОСНОВА МИРА» ПРОЕКТЫР

29.02.2024
Просмотры: 735

ЗэIущIэхэр щекIуэкIащ Ставрополь къэрал медицинэ университетым ЕссэнтIыгу щиIэ къудамэмрэ ЕссэнтIыгу управленэмкIэ, бизнесымрэ правэмкIэ и колледжымрэ.

«Семья – основа мира» проектыр егъэзащIэ унагъуэр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэм, унагъуэр, анагъэр, сабиигъуэр хъумэнымкIэ Патриаршэ комиссэр и дэIэпыкъэугъуу. Ар теухуащ бынунагъуэшхуэхэм я лъапIагъэр гъэкIуэтэным, унагъуэм и лъапIэныгъэхэр хъумэным. Иджырей щытыкIэм ар зэманым поджэж.

ЦIыхум и зыужьыныгъэр унагъуэм елъытащ. Унагъуэм исхэм я лъапIэныгъэм зэкъуигъэувэмэ, ар нэгъуэщI цIыхухэми дагуэшыну хуейщ: лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ, узыншагъэмрэ ехъулIэныгъэмрэ, адэ-анэхэм пщIэ яхуэщIыныр, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ гулъытэ хуэщIыныр, щIэблэм зегъэужьыным. Псом хуэмыдэу сабийм и дежкIэ унагъуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Аращ абы и хьэл-щэнхэр щызэтеувэр.

Абы теухуауэ ныбжьыщIэхэм епсэлъащ Шаповаловэ Надеждэ – лектор, егъэджакIуэ, психолог, медик, анэ. «НыбжьыщIэхэм сепсэлъэну сфIэфIщ. Ахэращ саугъэтыр къызыбгъэдэкIари – я нэхэр лыду, фIыщIэ ящIу, - жеIэ Надеждэ. Нобэ лъапIэныгъэхэм дытепсэлъыхьащ. Унагъуэ зэрыбухуэнум, анагъэм, адагъэм, лъагъуныгъэм, зэныбжьэгъугъэм. Нобэ мыхьэнэшхуэ яIэщ абыхэм! ЩIалэгъуалэр абы щIэтпIыкIын хуейщ!

 

735