ПЯТИГОРСК ЩЕКIУЭКIАЩ ЛЪЭПКЪ СОВЕТЫМ И ЗЭХУЭС

28.02.2024
Просмотры: 935

2024 гъэм мазаем и 27-м Пятигорск къалэм и Думэм и унафэщI, Пятигорск къалэм и Лъэпкъ советым и унафэщIым и къуэдзэ Похилькэ Людмилэ Пятигорск къалэм и адмнистрацэм щригъэкIуэкIащ Лъэпкъ советым и зэхуэс.

Абы щытепсэлъыхьащ жылагъуэм хабзэр къыщызэпымыудыным, УФ-м и Президентым и хэхыныгъэм зыхуэгъэхьэзырыныр.

Зэхуэсахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм я хъыбарегъащIэ-профилактикэ Iуэхухэр къызэгъэпэщыным, Пятигорск къалэм Iэпхъуэшапхъуэу къэIэпхъуа цыджанхэри хыхьэу.

Лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэр зэрахъумэнум, щIэблэр Хэку лъагъуныгъэм щIэпIыкIыным тепсэлъыхьахэщ. Апхуэдэу Пятигорск къалэм экстремизм къыщымыгъэхъуным къытеувыIащ.

ЗэIущIэм хэтащ Пятигорск епархием IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, пенитенциарнэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин.

935