ПЯТИГОРСК ЕПАРХИЕМ И ГУПЫМ ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭХЭР ИIЭУ ЗЫКЪЫЩИГЪЭЛЪЭГЪУАЩ ШЫ СПОРТЫМКIЭ ЩIЫНАЛЪЭ ЗЭПЕУЭХЭМ

28.02.2024
Просмотры: 943

2024 гъэм мазаем и 23-24-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым шы спортымкIэ зэпеуэ щекIуэкIащ. «Красный Гедуко» КСК-м щызэхуэсащ Урысейм и спорсмен нэхъыфI 50-м щIигъу.

Шы спортымкIэ марафонт ар. Псом япэ ищыным къыдэкIуэу шым и узыншагъэми зэран хуэмыхъуу къажыхьын хуейт шууейхэм. Дэтхэнэ зышми я узыншагъэр зэпеуэм и пэ къиухуэу къапщытэ ветеранхэм.

Архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ зэхьэзэхуэм хэтащ Пятигорск епархиери. Апхуэдэщ иппотерапиемкIэ «Целебный Ессентуки» Центрым и лэжьакIуэхэу Рудаков Андрейрэ Андреевэ Лейлэрэ. Спортсменхэр зыгъасэр центрым и унафэщI, Урысейм и адаптивнэ шы спортымкIэ Федерацэм хэт, щIыналъэпсо, урысейпсо зэпеуэхэм щытекIуа,  щоджэн Тростинский Сергийщ.

Пятигорск епархием зэпеуэм 7 увыпIэр къыщихьащ.

943