КЪЭЗАКЪХЭР МОСКВА ЩЕКIУЭКI ЗЭХЫХЬЭМ КIУАЩ

28.02.2024
Просмотры: 1038

2024 гъэм мазаем и 28-м Москва КъегъэлакIуэ Христос и цIэр зезыхьэ члисэм урыс къэзакъхэм я зэхыхьэ щекIуэкIащ. Ар Урысейм и къэзакъхэм я гъащIэм щыщ Iыхьэщ, дяпэкIэ зэрызаужьынум щыщщ.

Зэхыхьэм хэтащ Тэрч къэзакъыдзэм и къэзакъ щэ бжыгъэхэр. Мазаем и 26-м Пятигорск округым и благочиннэм къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Василенкэ Андрей тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ икIи Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэр ялъигъэIэсащ.

Тэрчхэр нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщ къэзакъхэм я гъусэу тепсэлъыхьащ къэралым и шынагъуэншагъэр гъэбыда зэрыхъунум, щIэблэр Хэку лъагъуныгъэм зэрыщIапIыкIым, къэзакъ щIыналъэхэм я социальнэ-экэномикэ зыужьыныгъэм.

 

1038