АРХИМАНДРИТ АНТОНИЙ ЩIАЛЪХЬЭЖАЩ

27.02.2024
Просмотры: 1115

2024 гъэм мазаем и 27-м КъБР-м и Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм Пятигорск епархием и щоджэнхэм я гъусэу щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин тхьэлъэIу литургие иригъэкIуэкIащ мазаем и 25-м дунейм ехыжа архимандрит Антоний (Данилов) щыщIалъхьэм.

ТхьэлъэIум щызэхуэсащ щоджэнхэр, Ставрополь, Осетие Ищхъэрэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ мамыр цIыхухэр. ЩIалъхьэн и пэ къихуэу щоджэным тхьэлъэIум хэтхэм захуигъэзащ дунейм ехыжам и гъащIэмрэ гуащIэмрэ ягу къигъэкIыжу. Инджылым къеджа нэужь узэщIыныгъэр жиIащ Пятигорск епархем и пресс-секретарь щоджэн нэхъыжь Самохин Михаил.

Архимандрит Антоний щыщIалъхьэжащ Прохладнэ къалэм и къалэкхъэ Скорбященскэ члисэм пэгъунэгъум.

 

1115
Фотогалерея