2024 гъэм мазаем и 17-м Черкесск къалэм и Никольскэ соборым и щIалэгъуалэр Минводы къалэм и щIыналъэ лъапIэхэм щыIащ Тхьэ елъэIуну, щIыпIэ дахэхэм зыщаплъыхьащ. Къалэм и Покров соборым щIыналъэ лъапIэм кIуахэм защригъэплъыхьащ къардэн Агеев Александр. Черкесск къикIа хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ члисэ музейм и хьэпшыпхэр, XX лIэщIыгъуэм Кавказым и Минводы Члисэр зэхэзехуэн зэращIам къытеувыIащ, Минераловодскэ благочинием и Iэгъуэблагъэм чристэн екIуэлIапIэхэм я иджырей гъащIэр зыхуэдэм тепсэлъыхьащ. Къалэм и Благовещенскэ члисэм гупым защригъэплъахьащ щоджэн Гурин Александр. Члисэм и унафэщI Поддубный Михаил къыбгъэдэкIыу хьэщIэхэм члисэ теплъэхэр иратащ. Члисэм, музейм, къалэм и щIыпIэ дахэхэм защрагъэплъыхьащ «Терское общество любителей казачьей старины» фондым и унафэщI Губенкэ Олег. Ар ныбжьыщIэхэм епсэлъащ Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэм теухуауэ, гъащIэм и лъапIэныгъэм, зэныбжьэгъугъэм, зэкъуэтыныгъэм, къэралым и тхыдэм и дерсхэм гъащIэм щаIэ увыпIэм къытеувыIащ. ЛIыхъужьхэм я гъащIэр, тэрч къэзакъхэри хыхьэу, Губенкэ Олег ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ зыхуэдэм. НыбжьыщIэхэм Олег упщIэхэр иратащ.