БЛАГОЧИННЭР ЕХЪУЭХЪУАЩ ЕССЭНТIЫГУ КЪАЛЭМ И IЭТАЩХЬЭУ ХАХАМ

20.02.2024
Просмотры: 821

Мы махуэхэм ЕссэнтIыгу къалэ администрацэм и зэIущIапIэ пэшым къалэ Думэм и зэIущIэ щызэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ къалэ округым и Iэтащхьэр хэхыным. Зэдэарэзыуэ хахащ Крутников Владимир, къалэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр.

Зэхыхьэм хэтащ ЕссэнтIыгу члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. IэIэтыр зэхалъхьэжа нэужь, щоджэныр къалэм и Iэтащхьэм ехъуэхъуащ, Тхьэр къыдэIэпыкъуну, къалэр ефIэкIуэнымкIэ икIи Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и хъуэхъур лъигъэIэсащ.

821