ЛИТУРГИЕМ И IЫХЬЭР АЗЕРБАЙДЖАНЫБЗЭКIЭ ЯГЪЭЗЭЩIАЩ

19.02.2024
Просмотры: 758

2024 гъэм мазаем и 18-м, Закхей и тхьэмахуэм, Бакинскэ епархиер пIалъэкIэ зезыгъакIуэ, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Баку къалэм и кафедральнэ соборым. ТхьэлъэIум хыхьэу уэрэдхэр, ектение, тхьэлъэIухэр, Инджылыр азербайджаныбзэкIэ ягъэзэщIащ. Литургие нэужьым Щихънагъым пастыр нэхъыщхьэм и псалъэкIэ захуигъэзащ зэхуэсахэм.

А махуэ дыдэм архиепископ Феофилакт клирикхэм я гъусэу щыIащ Азербайджаным и пашэ Алиев Гейдар щыщIалъхьэжа щIыпIэм деж икIи тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ Бакинскэ епархием и япэ архиерей – архиепископ Александр (Ищеин) папщIэ.

 

758
Фотогалерея