УНАФЭЩIЫР ЛНР-М ЩЫIАЩ

16.02.2024
Просмотры: 565

Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, ЕссэнтIыгу станицэм и Екатерининскэ члисэм и унафэщI щоджэн Тростинский Сергий Луганскэ цIыхубэ республикэм щыIащ.

Гуманитарнэ дэIэпыкъуныгъэу хьэлъэ тонни 6 абы яшащ ерыскъыпхъэу, хущхъуэу, япэу зыхуеину хьэпшыпхэу Пятигорск епархием екIуалIэхэм зэхуахьэсахэр.

Сергий зауэлIхэм я деж лъагъунлъагъу щыIащ, тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ ахэр здэщыIэ щIыпIэм деж икIи зауэлIхэм я гъусэу Тхьэ елъэIуащ. Щэхухэм зауэлI 50-м зыхагъэгъуэзащ. Абыхэм архиепископ Феофилакт фIыщIэ хуащIащ я нэIэ къызэрытетым, къызэрыдэIэпыкъум папщIэ.

Сергий сабий садым щыIащ. Саугъэтхэмрэ IэфIыкIэхэмрэ иратыжащ абыхэм.

 

565
Фотогалерея