АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ УНАФЭЩIЫМ И ЮБИЛЕЙМКIЭ ЕХЪУЭХЪУАЩ

14.02.2024
Просмотры: 782

2024 гъэм мазаем и 13-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Пятигорск епархием и Иверскэ члисэм тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Урожайнэ къуажэм апостол пэлъытэхэу Константинрэ Еленэрэ я цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн Рубец Алексий, къардэнхэу Галумов Максимрэ Фещенкэ Иоаннрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ епархием и управленэм и лэжьакIуэхэмрэ. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

Архиепископ Феофилакт ехъуэхъуащ къулыкъу къыдэзыщIа щоджэным. Алексий иджы дыдэ игъэлъэпIащ и илъэс 50-р. И юбилеймрэ Члисэм зэрыхуэлажьэмрэ папщIэ абы къыхуагъэфэщащ «За труды на благо Пятигорской епархии» медалым и III нагъыщэр.

782
Фотогалерея