АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ХЭТАЩ ГУ МВД СКФО-М ЩИIЭМ И УНАФЭЩIЫМ И ЗЭIУЩIЭМ

13.02.2024
Просмотры: 567

ГУ МВД КИФЩI-м щыIэм и сайтым къызэрыщыхьамкIэ, 2024 гъэм мазаем и 12-м Урысей МВД-м и управленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и управленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щиIэ къудамэм и унафэщI, полицэм и генерал-полковник Бачурин Сергейрэ Кавказ Ищхъэрэм и щоджэнхэмрэ я зэIущIэ.

Зэхыхьэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэ округым ис муслъымэнхэмрэ чристэнхэмрэ я лIыкIуэхэр, журт зэгухьэныгъэхэр.

Зэхыхьэм хэтхэм защыхуигъазэм, полицэм и генерал-полковник Бачурин Сергей къыхигъэщащ зэIущIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр Iуэху зэIумыбзхэр гъэзэщIэнымкIэ, щIалэгъуалэм я деж экстремист Iуэху еплъыкIэр щыгъэкIуэдыным, Кавказым мамырыгъэр щыухуэным, лъэпкъхэм я зэхуаку хьэргъэшыргъэ къыдэмыгъэхъуэным и IуэхукIэ.

Щоджэнхэм къыхагъэщащ полицэм и лэжьакIуэхэм Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэгъуалэм жыджэру зэрадэлажьэр икIи фIыщIэ хуащIащ, хабзэр къызэпымыудыным, щIэпхъэджащIэхэр гъэкIуэдыным хэлъхьэныгъэхэр хуэзыщIа, къэралкIуэцIыдзэм и органхэм я лIыхъужьхэм я фэеплъыр зэрахъумэр къыхагъэщу.

Урысей МВД-м КИФЩI-м щиIэ унафэщIым музейм защригъэплъыхьащ хьэщIэхэм. Абыхэм зыхагъэгъуэзащ УФ-м и лIыхъужьхэм – къэралкIуэцIыдзэм и лэжьакIуэ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм ятеухуа выставкэм.

Зэхыхьэм хэтхэм фIыщIэ хуащIащ полицэм и генерал-полковник Бачурин Сергей зэхуэсым папщIэ икIи къыхалъхьа Iуэхухэм я мыхьэнэр къигъэлъэгъуащ, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ Кавказ Ищхъэрэм щыхъума хъун папщIэ.

567
Фотогалерея