ПЯТИГОРСК ЕПАРХИЕМ СЕМИНАР ЩЕКIУЭКIАЩ СВО-М ХЭТХЭМ Я УНАГЪУЭХЭМ ЯДЭIЭПЫКЪУНЫМ И IУЭХУ БГЪЭДЫХЬЭКIЭХЭМКIЭ ЗЭХЪУЭЖЭНЫМКIЭ

10.02.2024
Просмотры: 616

Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, епархием и «Дом для мамы» кризис центрым щызэхуэсащ жылагъуэр СВО-м щыIэхэм я унагъуэхэм зэрадэIэпыкъуну IэмалхэмкIэ зэхъуэжэн папщIэ. Щихънагъым и хъуэхъур методикэ семинарым хэтхэм ялъигъэIэсащ ЕссэнтIыгу члисэ округым и щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан.

ЦIыху плIыщIым нэблагъэ – унафэщIхэр, унэтIакIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэ 25-м я волонтёрхэр, волонтёр зэгухьэныгъэхэр зэхуэсащ Iуэху зэIумыбзхэм тепсэлъыхьыну. ЦIыхухэм куэдым я гугъу ящIащ: зауэлIхэм я унагъуэхэм ядэIэпыкъуным, ахэр зыIут IэнатIэмрэ сымаджэщхэмрэ ерыскъыпхъэхэр нэгъэсыным. Дэтхэнэми Iуэху бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ иIэжщ, абыкIэ дэгуэшэну хьэзыру.

КъызэрыщIэкIымкIэ, зауэлIым и унагъуэм исхэм я хуитыныгъэхэр ящIэртэкъым, психологие дэIэпыкъуныгъэ щхьэкIэ зыхуагъазэртэкъым, дэIэпыкъуныгъэ щIэлъэIуну шынэу, гугъуехьхэмрэ Iуэху зэIумыбзхэмрэ IуощIэ. Унагъуэм и дежкIэ нэхъ гугъур пэплъэнырщ, а зэжьэ цIыхум жэуап щимыIэрщ. А зауэлIыр унэм къэкIуэжа нэужь гъащIэм хыхьэжыныр, и узыншагъэм сэкъат иIэ хъуа нэужь зэтригъэувэжыныр тыншкъым.

СВО-м щыIэхэм я унагъуэм дэIэпыкъуным тепсэлъыхьащ Черкесск къалэм и Никольскэ соборым и щоджэн Гурин Александр, Анэхэм папщIэ унэм и унафэщI Рубец Ларисэрэрэ юрист Гольцевэ Натальерэ къытеувыIащ СВО-м хэтхэм я щхьэгъусэхэмрэ зи щхьэгъусэ зауэм хэкIуэдахэмрэ зэрыдэIэпыкъунум теухуа Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ ЕссэнтIыгу епархием и кризис центрым щадэгуэшащ. Гуманитарнэ дэIэпыкъуныгъэ центрым щыхуащIэну зэрыхьэзырыр жаIащ.

Зэхыхьэм хэтхэм къащIащ Минводы и къалэхэм я администрацэхэм зауэлхэм я унагъуэхэм я дэIэпыкъуэгъу жылагъуэ фондхэр зэрыщылажьэр. ЦIыху жыджэрхэр я тетщ апхуэдэ фондхэм. Лермонтов къалэм а Iуэхур щызэрегъакIуэ депутат Остроухов Александр, Кисловодск – депутат Кешишанц Гарик, Минводы – депутат Пересадэ Олег. Администрацэм пыщIэныгъэ хуиIэщ Пятигорск къалэм цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм. СВО-м щыIэхэм я унагъуэхэм ядэIэпыкъуным абы илэжьхэм къытеувыIащ Советым и унафэщI Литвининэ Татьянэ. Анэхэм папщIэ унэм и семинарым хэтащ къэзакъ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Лермонтовэ и къэзакъ зэгухьэныгъэм и штабым и унафэщI Авдеев Игорь жиIащ Iуэху зэIумыбзхэр СВО-м хэтхэмрэ абы я унагъуэхэмрэ я зэIумыбзхэр зэгъэуIуауэ зэфIагъэкIыну, ахэр зыхуэдэр зэхагъэкIыу. Къэзакъ унагъуэ куэд Донбасс щекIуэкI зауэм хэтщ икIи абы и гугъуехьхэр куэд щIауэ ящIэ. Зэхыхьэм къэкIуащ Птигорск, ЕссэнтIыгу, Суворовскэ станицэм щыщ цIыхубз къэзакъхэр. ЗауэлIхэр зыхуеину Iэмэпсымэхэр куэд щIауэ ягъэхьэзыр абыхэм икIи езыр-езыру зэдоIэпыкъуж. Суворовскэ къэзакъ зэгухьэныгъэм и унафэщI Шуст Наталье куэд щIауэ ар зэфIкгъэкI. ЗауэлIхэм папщIэ абы псапэ фонд къызэригъэпэщауэ психологие дэIэпыкъуныгъэхэр щахуещIэ.

«Языныкъуэхэм деж бзылъхугъэхэр я Iуэху зэIумыбзхэр зэфIахыну я закъуэ къонэ» - жиIащ Малиновская Ольгэ, «Жены героев» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, СВО-м щыIэм и щхьэгъусэм. «Дэтхэнэ зым и дежкIи щхьэгъусэр зауэм зэрыкIуэр дэркIэ тыншкъым, ауэ зыгуэр къыщыбдэIэпыкъум и деж зэманыр нэхъ псынщIэу мэлъатэр. Уи Iуэху зэIумыбзыр зыхуэдэр жыпIэн хуейщ, ар щIомыхъумэу. Ольгэ «Жены героев» фотопроектыр къызэригъэпэщащ. СВО-м щыIэхэм я щхьэгъусэ 50-м я сурэтхэр – Кавказым и Минводы и къалэхэм щыпсэухэм – сурэттех Iэзэхэм трахащ пщIэншэу. Выставкэр гъэхьэзырыным теухуа Iуэхур къызэзыгъэпэща псапащIэхэри щыIэщ. 2023 гъэм ар Железноводск, Пятигорск къалэхэм щIэупщIэ щиIэу щагъэлъэгъуащ.

ЗэIущIэр зэхуащIыжащ Епархием социальнэ къулыкъу щIэнымкIэ и унафэщI щоджэн нэхъыжь Акименкэ Сергий и псалъэкIэ.

616
Фотогалерея